Зыгъэпсэхугъуэ зэман «Унэ цIыкIу» урыс таурыхъ Илъэсищ–плIы зи ныбжьхэм папщIэ Зыгъэхьэзырахэр: Гугъуэтыж Ланэ ЗэрекIуэкIыну щIыкIэр Хуэзыгъэхьэзыр лъэхъэнэ ГъэсакIуэ: Фыкъеблагъэ, цIыкIухэ! Фыкъеблагъэ, дыгъэщыгъэхэ! ГъэсакIуэ: ЦIыкIухэ къэдвгъэщIэжыт, сыт хуэдэ таурыхъ фэ фщIэхэр? ЦIыкIухэм: «Дыщэ джэдыкIэ», «Бэлыджэ», «Къырумрэ бажэмрэ», «ЩIахъуэ хъурей», «ХъумпIэцIэдж» ГъэсакIуэ: НытIэ дэ нобэ ди нэгу зедгъэужьыну таурыхъым дыкIуэнщ. Ди нэ цIыкIухэр зэтетпIэнщ. Таурыхъым дэ дыкIуэнщ. (зыдогъэкIырахъуэ) Ди нэ цIыкIухэр къэдгъэплъэнщ, дыздэщыIэми деплъынщ. ГъэсакIуэ: Сыт хуэдэ таурыхъ дыкьыздэхутар? Ар къэтщIэн щхьэкIэ къуэжыхь къэтщIэн хуейщ. Унэ цIыкIу гъуэгу Iуфэм Iутщ, Гъуэгур ар къуэлэн цIыкIущ. ХьэкIэхъуэкIэхэр щопсэу, Сыт фIащар а унэм? (Унэ цIыкIу) ГъэсакIуэ: Дыщэ пхъуантэр зэтызох, Абы дэлъхэр къыдызох. (хьэкIэхъуэкIэхэм я пыIэхэр) ГъэсакIуэ: Жьыи щIэи, ини цIыкIуи Таурыхъ едэIуэн я фIэфIщ, Ауэ псом нэхърэ нэхъыфIыр Таурыхъым уэ ущыджэгунырщ. Иджы занщIэу зытхуэпэнщ, Таурыхъыми дыхыхьэнщ. - Уэ уы бажэ дахэ цIыкIущ. - Уэ уы дызыгъуэ гъуэрыс цIыкIущ. - уэ уы хьэндрыкъуыкъуэ джэрей цIыкIущ - Уэ уы дыгъужь гъуабжэ хъунщ. - Уэ уы тхьэкIумэкIыхь-къэжыхьырейщ. - Уэ уы мыщэ лэбышэщ. Къэнэжахэр унэ цIыкIущ. ГъэсакIуэ: Итщ ди губгъуэм унэ цIыкIу. (я Iэхэр зэроубыд) ЦIыкIухэм: Унэ, унэ, унэ цIыкIу. Унэ цIыкIур дахэ цIыкIущ. Унэ цIыкIур губгъуэм итщ. И закъэу цIыкIущ. ГъэсакIуэ: Унэм пэгъунэгъуу зы Дзыгъуэ-гъуэрыс цIыкIу блэж пэтрэ, къэувыIэри, щIэупщIащ: Дзыгъуэ-гъуэрыс: Унэ цIыкIу, унэ цIыкIу! Хэт уи деж щыпсэур? ГъэсакIуэ: Зыми жэуап къыщимытыжым, Дзыгъуэ-гъуэрыс цIыкIум мурад ищIащ унэм щыпсэуну. ЦIыкIухэм: Унэ, унэ, унэ цIыкIу. Унэ цIыкIур дахэ цIыкIущ. Унэ цIыкIур губгъуэм итщ. И закъэу цIыкIущ. ГъэсакIуэ: Зы Хьэндыркъуакъуэ-джэрей цIыкIу пкIэм-лъэурэ, унэм пэгъунэгъу къыхуэхъури, щIэупщIащ: - Унэ цIыкIу, унэ цIыкIу! Хэт уи деж щыпсэур? -Сэращар, Дзыгъуэ-гъуэрыс цIыкIуращ! Уэ ухэт? - Сэ сы-Хьэндыркъуакъуэ-джэрей удзыфэ цIыкIущ! - КъакIуэ, зэгъусэу дыпсэунщ. ГъэсакIуэ: Хьэндыркъуакъуэр унэм щIэпкIащ. Арати, а тIум зэгъусэу псэун щIадзащ. ЦIыкIухэм: Унэ, унэ, унэ цIыкIу. Унэ цIыкIур дахэ цIыкIущ. Унэ цIыкIур губгъуэм итщ. И закъэу цIыкIущ. ГъэсакIуэ: Унэм пэгъунэгъуу ТхьэкIумэкIыхь-къэжыхьрейр блэж пэтрэ, къэувыIауэ, щIоупщIэ: - Унэ цIыкIу, унэ цIыкIу! Хэт уи деж щыпсэур? - Сэ сы-Дзыгъуэ-гъуэрыс цIыкIущ. - Сэ сы-Хьэндыркъуакъуэ-джэрей удзыфэ цIыкIущ. Уэ ухэт? - Сэ сы-ТхьэкІумэкІыхь-къэжыхьрейщ. - КъаIуэ, ди гъусэу упсэунщ! ГъэсакIуэ: ТхьэкIумэкIыхьыр гуфIэжу унэм цIыкIум щIэлъэдащ. Щыри зэгъусэу псэууэ щIадзащ. ЦIыкIухэм: Унэ, унэ, унэ цIыкIу. Унэ цIыкIур дахэ цIыкIущ. Унэ цIыкIур губгъуэм итщ. И закъэу цIыкIущ. ГъэсакIуэ: Зы Бажэ цIыкIу унэм гъунэгъу дыдэу къекIуалIэри, щхьэгъубжэм теуIуэри щIэупщIащ: - Унэ цIыкIу, унэ цIыкIу! Хэт уи деж щыпсэур? - Сэ сы-Дзыгъуэ-гъуэрыс цIыкIущ. -Сэ сы-Хьэндыркъуакъуэ-джэрей цIыкIущ. - Сэ сы-ТхьэкІумэкІыхь-къэжыхьырейщ. Уэ ухэт? - Сэ сы-Бажэ цIыкIущ. - КъакIуэ, ди гъусэу упсэунщ! ГъэсакIуэ: Бажэ цIыкIур,зыхуеиххэр арати, унэм щIыхьащ. ПлIыми зэгъусэу псэууэ щIадзащ. ЦIыкIухэм: Унэ, унэ, унэ цIыкIу. Унэ цIыкIур дахэ цIыкIущ. Унэ цIыкIур губгъуэм итщ. И закъэу цIыкIущ. ГъэсакIуэ: Дыгъужь гъуабжэр унэм къежалIэр ибжэмкIэ щIэплъэурэ щIэупщIащ: - Унэ цIыкIу, унэ цIыкIу! Хэт уи деж щыпсэур? - Сэ сы-Дзыгъуэ-гъуэрыс цIыкIущ. -Сэ сы-Хьэндыркъуакъуэ-джэрей цIыкIущ. - Сэ сы-ТхьэкІумэкІыхь-къэжыхьырейщ. - Сэ сы-Бажэ дахэ цIыкIущ. Уэ ухэт? - Сэ сы-Дыгъужь гъуабжэщ. - КъакIуэ, ди гъусэу упсэунщ! ГъэсакIуэ: Дыгъужь гъуабжэм унэм зыщIигъэхуащ. Арати, тхури, зэгъусэу, зэгурыIуэ-зэдэIуэжу псэун щIадзащ. Зэгъусэу уэрэд жаIэ, Іуэху яIэм зэгъусэу зэдащIэ. Апхуэдэу екIуэкIыурэ зымахуэ гуэрым Мыщэ-лъэбышэ унэмкIэ блэкIрэ пэт, уэрэд зэхех, къоувыIэри мэкIий, мэгуо: - Унэ цIыкIу, унэ цIыкIу! Хэт уи деж щыпсэур? - Сэ сы-Дзыгъуэ-гъуэрыс цIыкIущ. -Сэ сы-Хьэндыркъуакъуэ-джэрей цIыкIущ. - Сэ сы-ТхьэкІумэкІыхь-къэжыхьырейщ. - Сэ сы-Бажэ дахэ цIыкIущ. - Сэ сы-Дыгъужь гъуабжэщ. - Сэ сы-Мыщэ-лъэбышэщ. - КъакIуэ, ди гъусэу упсэунщ! ГъэсакIуэ: Мыщэм, унэм щIыхьэну еIэм-еIэурэ щыщIэмыхьэфым, унащхьэм щыдэпщей къудейм - бых! – жиIэу унэр зэхикъутащ. Унэм щIэса псори лажьэ лъэпкъ ямыIэу къелахэщ. ГъэсакIуэ: Ахэр зэхуэсыжри, щхьэж хузэфIэкIыр ящIэурэ, зэгурыIуэу, зэдэIуэжу япэрейм нэхърэ нэхъыфIыжу унэ ящIыну еувэлIащ. Iэпхъуамбэхэр зэрагъэджэгу джэгукIэ «Унэ» ТIыркъ, тIыркъ. Зэныбжьэгъхэм унэ дощI. И унащхьэри ин дыдэу (ди Iэхэр лъагэу доIэт) Мисс мыпхуэдэу. И щхьэгъумжэхэр бгъуэ дыдэу, (ди Iэхэр ибгъуапIэмкIэ догъэлъагъуэ) Мисс мыпхуэдэу. ХьэщIэ Iэджи дэ къедджэнщ. (къедджэ хуэду дощI) Ди гуфIэгъуи хэдгъэплъэнщ. (Iэгу доуэр) (Ди Iэхэр зэрыдоубыдыж) ГъэсакIуэ: Иджы цIыкIухэ дэ сабий садым дгъэзэжын хуейщ. Ди нэ цIыкIухэр зэтыдопIэри щэм нэс добжэ. Зы, тIу, щы, ди пэш дахэм дэ докIуэж. (дыкъыщохутэж) - фигу ирихьа дыздэщыIар? - хъэрзынэ дыдэуи дыджэгуащ.